"Нарт Хэкум", Ерокъуэхэ Бишер, Нэхущхэ Тимур сымэ къызэрагъэпэща джэгум щыщ зы теплъэгъуэ. Адыгэр мэкъуауэгъуэм и 21-22 жэщым «шэмыгъапцIэ жэщ»-кIэ йоджэ. Арщ махуэм и нэхъ кIыхьыгъуэмрэ жэщым и нэхъ кIэщIыгъуэмрэ зытехуэр (жэщыр апхуэдизкIэ кIэщIщи, шэр зэпцIыну хунэскъым, жыхуиIэщ). Мэкъуауэгъуэм и 20, 21, 22-м щхьэкIэ «уэлбанэкIэ жэщищ»-и жаIэрт. Абы иужь гъэмахуэм игъуэт. Джэрмэн Iетногрэф Клем Густэв мэIуэтэж: «Жьымрэ псымрэ я тепщэ Созэрэщ и махуэр гъатхэкIэу ягъэлъапIэ; абы и нэщэнэщ лъапсэм щахъумэ кхъужьей къудамэ гъуар. Махуэшхуэр гъатхэкIэм, махуэм я нэхъ кIыхьыгъуэм хуозэ. А пIалъэм ирихьэлIэу Адыгейм (Circassia) и курыхым мафIэшхуэхэр щызэщIагъанэ. Тхьэмпэ зытемытыж кхъужьей къудамэ гъуар щIыпIэ Iэхуитлъэхуит деж яхьри, щыхатIэ, дауэдапщэм цIыхуу кърихьэлIам пэбжуэ шэху уэздыгъэ кIэращIэри, и щыгум кхъуеишхуэ фIагъэтIысхьэж. Абы иужь тыхьу бжэн зыбжанэ фIабз, махуищ хуэдизкIэ екIуэкI дауэдапщэм къриубыдэу жьымрэ уэшхымрэ щахъумэну Тхьэ йолъэIу. ИужькIэ щIалэгъуалэр мэджэгу, мэшэрашэ». Пшынауэр: эпсэхэ Дианэщ Къафэхэр: Пщыбийхэ Жанэ, Егъужокъуэхэ эминэ, ХьэхъупащIэхэ эстемыр, Битокъухэ Инал